Арагон
Арагон Aragón | |
Нып |
Дэмыгъэ |
Къэрал | Исбухьэн |
Къэрал уэрэд: | Himno de Aragón |
Статус | Автоном лъэпкъыгъуэ |
Хиубыдэр | Провинциэхэр: Сарагоса Теруэл Уэска |
Къалэнэхъышъхьэ | Сарагоса |
Къалэшхуэр | Сарагоса |
Президент | Марселино Иглесиас Рикоу |
Нэхъышъхьэбзэр | Исбухьэныбзэ |
Джылэр |
1 269 027 (11-рей пӀэ) |
Ӏувагъыр | 26,18 цӀыху/км² |
Инагъыр | 47 719 км² (4-рей пӀэ) |
ЛъэгапӀэр хуэлъытэгъуэкӀэ - ЛъэгапӀэ нэхъ индыдэр |
Ането 3 404 м |
Кодыр ISO 3166-2 | ES-AR |
Официал сайтыр |
Арагон (исп-бз. Aragón, каталоныбзэкӀэ: Aragó) — эспанэ зэгуэт автоном шӀыпӀэ. Исбухьэнм и ишъхъэрэ лъэныкъуэм хэт. И гъунапкъэхэр Фрэнджым ирокӀуэ ишъхъэрэмкӀэ, къэрал кӀуэцӀым: къуэкӀыпӀэмкӀэ Каталониэм, ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ Валенисиэм, ипшъэ-къуэхьэпӀэмкӀэ Кастиджэрэ Ла Манчэмрэ, къуэхьэпӀэмкӀэ Кастиджэрэ Леонымрэ Ла Риохъамрэ, ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэмкӀэ Наваррам
Къалэ нэхъышъхьэр — Сарагоса (Zaragoza)
Джылу дэсыр — 1, 269, 027
ӀэнатӀэбзэр — Исбухьэныбзэ (Castellano)
Демографиэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Джылу дэсыр къалэ нэхъышъхьэхэмрэ куейхэмрэ:
ПэмыкӀ къалэхэр:
- Калатаджуд — 20, 236
- Эхъеа де лос Кабаджерос — 16, 941
- Монсон — 15, 806
- Барбастро — 15, 778
- Алканиис — 15, 130
- Ӏутебо — 14, 037
- Фрага — 13, 284
- Хъака — 12, 553
- Тарасона — 10, 857
- Сабинианиго — 9, 023
- Бинефар — 8, 890
- Каспе — 8, 206
Джылэ бжыгъэ 1991 гъэм ирагъэкӀуэкӀамкӀэ Арагоным джылу дэсар 1, 178, 000 ар къэралым и 2, 95 % мэхъу къэралым дэсу хъуам.
2005 гъэм Арагоным и джылэр 1, 269, 027 хэхъуа, абымкӀэ зэрыхъум Арагоным джылу дэсым и ныкъуэр Сарагосам дэсхэ.
Бзэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Арагоным и нэхъыбу джылэ дэсыр ИсбухьэныбзэкӀэ (castellano) мэпсалъэхэ, ар бзэ нэхъышъхьуи щыт. Хэкум и лъэныкъуэ гуэрэхэм каталоныбзэрэ арагоныбзэрэ зи анэдэлъубзи мэпсохэ.
- Кастиджэбзэр (Исбухьэныбзэр) хэкум и бзэ нэхъышъхьэ, хэкум и лъэныкъу хъуам иропсалъэ. Ауэ езым еуэ псэлъэкӀэ иӀэ, арагоныбзэм зэригъунэгъум теухуауэ, абы щыщ хэхьа.
- АрагоныбзэмкӀэ ирипсалъэхэр хьэблэ Ӏуэскэм идежь. Бзэр зышъэ джылу мин 12 хуэдиз мэхъур.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Арагон Перенейхэм а Ӏуашъхьэхэм я нэхъ лъагъхэр хэт, Исбухьэнмрэ Фрэнджымрэ зэхагъэкӀху. Нэхъ инхэр абыхэм: Ането м 3, 404; Монте-Пердидо м 3, 355; Пердигеро м 3, 221; Котиэджа м 2, 912.
Гидрографиэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Арагоным и нэхъыбэ псыхэр Эбром холъадэхэ, Исбухьэнм ипс нэхъ ин. Куейр Эбрэм тӀууэ егуэчыр. И сэмырабгъумкӀэ хэлъадэ спыхэм нэхъ къыхагъэкӀхэр: Арагорн, Гаджего, Синка джоуэ. ИжьыгъурабгъумкӀэ нэхъ къыхагъэкӀхэр Хъалон, Уэрва, Гуадалупе. Эбро и псыхъуэм, Каталониэм и гъунапкъэм игъунэгъу Микиненса псыхъумэпӀэр щыӀэ гм³, и кӀыхьэгъыр — 110 км. ЦӀыху гъунэгъу щысхэр «Арагон хыуэ» иоджэхэ.
Эспаниэм и гуэшыгъуэр администрациэкӀэ |
||
---|---|---|
Автоном хэку | Андалусиэ | Арагон | Астуриэ | Балеар тӀыгухэр | Баскхэм я Къэрал | Валенсиэ | Галисиэ | Канар тӀыгухэр | Кантабриэ | Кастилиэ — Ла-Манча | Кастилиэрэ Леонрэ | Каталониэ | Мадрид | Мурсиэ | Наваррэ | Риоха | Эстремадурэ | |
Автоном къалэхэр | Сеутэ | Мелилиэ |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Эспаниэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |