Мифологиэ
Мифологиэ иэ гъэсэпэтхыдэ — филологиэ шъэныгъэм и зы къудаму щыт, пэсырей гъэсэпэтхыдэмрэ хъыбарыжъхэмрэ: миф, эпос, таурыхъхэр зыджыр.
КъызхэкӀахэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мифологиэр и нэхъыбу хъуам лъэпкъ псоми диным епхауэ щыт.
Куэдым ядежь псалъэр къызэрагъэшъхьэпэр пэсырей динхэм щатепсэлъыхьхэм ядежь, псалъэм папшъу: алыдж мифологиэ, урым мифологиэ, скандинав мифологиэм яхуэду. Ауэ, гулъытыгъуэ етын хуей шъэныгъэлӀ гуэрэхэм ящыщхэм скандинавхэмрэ келтхэмрэ я гъэсэпэтхыдэхэр таурыхъ къуедеуэ къалъытэм, адрейхэм ахэр диныжъу щытху гулъытэгъуэ ярат (мэжусиикӀэм еплъ). Апхуэду хъуну лъэпкъ гуэрэм (Ипшъэ Америкэ индейхэм я мифологиэрами) и мифологиэр къапшту анализ ептмэ, иджыри къыздынэсым лъэпкъым хэлъыфыну хабзэ гуэрэ зэрихьу и уней диныжъым щыщу.
ЦӀыхухэм я нэхъыбэкӀэ гъэсэпэтхыдэр къалъытэкъым пкъы хуэду, дынхэр къахэкӀауэ: чыристэныгъэ, Ислъам, иудэныгъэ джоуэ, гулъытэгъуэ яратхэр зэкӀэлъыпыту зэрыпха къэхъуэлъыгъуэ хуэдэ гупшысэгъуэ иэ пкӀэ зыхуашъ дуней тетыкӀэ гурыӀуэгъуэ.
Абым емылъытауэ, цӀыху куэд атеисту, агностику иэ диным пылъхэми ящыщхэм псалъэ мифымрэ мифологиэмрэ къагъэшъхьэпэхэр гурыӀуэгъуэ халъхьэн шъхьэкӀэ тхыдэ хъыбархэм зи пэжьыгъуэм чэнджэш иӀу къыхэкӀам. Ауэ, цӀыху диным пылъхэм я нэхъыбэм гукъеуэ къыхахыр диныр гъэсэпэтхыдэм къыхэкӀауэ къалъытэмэ, апхуэдэм дежь я гурыӀуэгъуэхэр пцӀы къэлъытэгъуэ япт хъуну, ар диным ебакъуэ мэхъур. Апхуэдэ куэду къохъур чыристэнхэм ядежь, Инджылым ит хъыбархэм теухуауэ, диным пылъхэм а хъыбархэр мифологиэм щыщу къалъытэхэкъым, тхыдэм къехъулӀауэ, а псори екӀуэкӀауэ ягъэувыр, абым шъхьэкӀэ псалъэ «мифологиэр» я дежькӀэ гукъеуэ къэгъэсэбэпыгъу мэхъур.
Тауэ щымытми цӀыхухэм я нэхъыбэр арэзыуэ щытхэ дин къэс гъэсэпэтхыдэ зэхэгъэхьауэ щыту, а гъэсэпэтхыдэхэр тхыгъэ нэхъышъхьэм къахэкӀыурэ зэфӀэуваху; апхуэдэм дежь псалъэ мифыр хъубар мыхьэнэ хуэдэ зэрехьэ, чэнджэш иӀу ауэ ар бгъэзэнкӀэнымкӀэ амалыншу.
Лъэпкъэм я мифилигиэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мифологиэр бзэм и зы къудамэ къуэдеуэ щыткъым гъашъэми и зы къудамэ, цӀыху лъэпкъэгъухэм яшъауэ.
Мифологиэ прототипхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Гъашъэм, лӀэныгъэм, реенкорнациэм я Тхьэхэр
- Мазэ Тхьэхэр
- Дыгъэм и мифологиэ
- Дыгъэгъазэ
- Хахуэ
- Хьэдырхэ
- ЩӀыгу-анэ
- Манас
- Япэрей цӀыху
- Уэгушхуэ-адэ
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Гъэсэпэтхыдэм и щӀэгъуазэ (эсп.)
- kelpienet.net Алыдж пэсырей гъэсэпэтхыдэ (эсп.)
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |